Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

Псынщ?э дыдэу пшапэр зэхэуэнущ. Щхьэгъубжэ?упхъуэ гъуабжэ т?эк?ур иригъэк?уэтэк?ащи, пэшыр нэхъ нэху хъуащ.

Жануэс и щхьэ хуошхыдэж: щ?алэм зыхуимыгъэгусами хъунут, куэд и фэм дэк?ащ абы, сабийуэ и нэгум щ?эк?ами ирикъунт… И адэм и ?уэхум ехь нобэми ныжэбэми… И лэжьыгъэр ?ейкъым, партым жи?эр гук?и псэк?и къещтэ, и пщэ къыдэхуэр егъэзащ?э. Ауэ арэзыкъым – и щхьэм хуэарэзыжкъым. И унагъуэ насыпыр-щэ? Къехъул?ауэ жып?э хъуну? Урыс къишэри, зэзэгъакъым, хъыджэбз ц?ык?у щ?эсу иригъэк?ыжащ. Антыхэ къишэжати, ц?ыху ?ей хуэдэкъым, ауэ зыкъомрэ пэплъауэ ягъуэта сабийм зыгуэр зэрилажьэр бэянщ. Къиинщ, жеп?эр зэхимыхым хуэдэщ, псалъэркъым, гуф?эркъым. Зэзэмызи зыкъызэкъуехри, губзыгъэ дыдэу мэпсалъэ, зыгуэрхэми

щ?оупщ?э. Ауэ нэхъыбэм гупсысэ гуэр зэригъэзахуэм ещхьу щысщ. Илъэсипл? ф?эк? мыхъуар гупсысэу щысын хуейкъым, и джэгугъуэщ, и псэлъэгъуэщ, сытми щ?эупщ?эу, сытри ф?эгъэщ?эгъуэну… Майе апхуэдэ мыгъуэкъым. И адэанэм зыми гу лъамытэ защ?, ауэ абык?э зэф?эк?рэ? И ныбжьым хуэфащэу зэрыщымытыр нэрылъагъущ. Сабийм лажьэ зэри?эр уи щхьэм щубзыщ?ыжк?э, ц?ыхум ящубзыщ?ыфыну? Къипсэлъ щ?агъуэ щымы?эу илъэсипл?и хъуащ, и ныбжьхэм хэпщ?ык?ыу къак?эроху. Гъэщ?эгъуэнракъэ, зыгуэрк?и йоф?эк?. Мес, тхылъ йоджэф. Абы и ныбжьым къуажэ сабийхэм хьэрф зыц?ыхуу яхэтыр закъуэт?акъуэщ…

Мыц?ыху ещ?. Зыми хуэк?уэнукъым. Садым здэщы?эм махуэ псом гупым щыхэмыхьэ щы?эщ. И анэр зык?и хэмызэгъэжу мэхъури, къык?эщ?эсшурэ, сэ тызогъэуж. Нт?э, сабийр езыр псалъэркъым жып?эу, уемыпсэлъэххэну ара? Сепсэлъащ, таурыхъыу къысхуэщ?эжу хъуари жес?ащ. Псори ф?эф?щ, дымауэ къодэ?уэнущ, уемышу же?э къудей… Иныжь, Благъуэ, Уд фызыжь – ?эджи мэхъу псысэм хэтхэр. Мэз щ?агъ, псы щ?агъ, щ?ы щ?агъ – ?эджэми къыщохутэ ахэр. Щ?ыкъатиблри хэтыжу… Псысэращ игу нэхъ ириубыдэр – сабийщ-т?э. Абы зыри пхуещ?эжынукъым – зэхихар зэхихащ. «Щ?ыкъатибл» жи?эу къыхуашэжащ нобэ, же?эри же?э…

Езыр къыщ?ежэжьа псалъэмакъыр къызэрык?ар Благъуэрат. Садым щы?э сабийхэр Благъуэм щигъэшынауэ къытралъхьащ. Абы зыри хуэгъэшынэнукъым, апхуэдэкъымищытык?эр, сытпц?ыкъыщ?ытралъхьар? Ули ар и ф?эщ хъуауэ къысхуэк?уэжащ. Сэ сыбгъэкъуаншэмэ, нэхъ тыншкъэ?

Ар псори зэф?эк?ащ. Иджы Майе теудахэри и?эу хамэ фызым деж ишэн хуеякъым. Дохутыр къеплъак?эт абы, хуей хъумэ, иджыри къеплъынут.

Еууей, Пагуэ, Пагуэ. Зы къуэ уимы?э, пхъуит? уи?эщи, зыр лъэпкъым хэсыххэкъым, адрейр зэрыхъунур Алыхьым ещ?э, ауэ зэк?э гузэвэгъуэм ухимыгъэк?. Дауэ зэрыхъунур си щ?алэ задэшхуэр? Хэбэкъук?ыу, и щхьэр гъэк?ауэ зок?уэ, зимыгъэщхъыу унэм къыщ?ыхьэ хъуркъым, бжащхьэм жьэхэуэнущи. И бжьыф?агъым хуэдэ и насыпри хъужамэ, сехъул?ати. Щ?алэжь ц?ык?уу и нэгу щ?эк?ар къешынэуэжауэ арауэ п?эрэ и сабийр апхуэдэу щ?эхъуар? Абы и пэжып?эр къыбжезы?эн ?эзи дохутыри щымы?э хъун…

Жануэс и унэжьри и хадэри игу къэк?ащ. Нысэми зыхуигъэгусэжыркъым. Ари анэщ – и быным щхьэк?э гузавэрти псэлъащ. Щ?егъуэжауи къыщ?эк?ынщ. Дяпэк?э езы Жануэси хъыджэбз ц?ык?ум псысэ жри?энкъым, щымыхъунук?э, сыт абы хэлъыр? Ф?эф?ми, хуэмурэ щыужынщ.

IV

Улэ хадэм ихьэри нартыхумк?э хыхьати, жумэрэныгъуэ къилъэгъуащ. Иджы пэгунк?э псы ихьурэ гъуэмирек?э. Жумэрэнкъижмэ, ирищ?энурищ?эркъым, ауэ сытми псы ехь. Ари уэрамым нэс кърихыурэ. Иджыри къэс пщ?ант?эм псы къыдригъэшакъым Пагуэ. Куэд мэхъу ар зыхунэмыс унагъуэ ?уэхухэр. Псы пэгунышхуит?ыр гъуэм иригъэлъэдауэ нартыхум къыздыхэк?ыжым джэду къелъагъу. Улэ ар къец?ыхужри, ауан ищ?у йопсалъэ.

– Къеблагъэ, Хьирэт.

Джэдум хущхьэнэпц? зещ? – ук?ытафэ зытригъэуэнущ иджыпсту. Джэду гъуабжэр мэбзэхыж, Хьирэт къоунэху, къызэф?оувэри, нартыху ц?ынэр зэлъы?уигъэк?уэту, къык?уэц?рок?.

– Уэ щхьэк?э сыгузавэри сыкъек?уэк?ащ.

– Зым щхьэк?и угузавэкъым, укъызоплъак?уэ, сыгъыу сыщысмэ къэпщ?эну. Сытуи умыужэгъурэ мы джэду сэфэтыр? Хьэм уашхамэ, арат пхуэфащэр.

– Сыту у?ей… Уэсщ?а?а апхуэдэу укъысхущытыну? Майе ?урылъ си быдзышэми уи гур нэхъ щабэ ищ?акъым.

– Жэмыщ?э къуатай абы щхьэк?э.

– Ар Пагуэщ зи тыгъэр, уэ уи нэщхъыр схузэхэпхамэ, нэхъыбэ сыхуейтэкъым.

– Сэращ уэ уэршэрэгъуу уи?эххэр.

– Тхьэ, мызыгъуэгук?э зы гукъеуи

пхуэзмыщ?, уринэщхъеину пхурикъунщ уи ?уэхур.

– Пагуэ Т?ыаузым зэрыдэк?уеям щхьэк?э сынэщхъей уи гугъэу аращ. Щайуэ къиздзэркъым.

– Татианэ хуэзэмэ-щэ?

– Хуэзэнщ-т?э, и пхъур имылъагъуу къехыжынукъым ар абы.

– Си пхъур слъагъунущ жи?эрэ урысым и ?эпл?э щабэшхуэм илъу нэху къек?мэ-щэ?

Улэ погуф?ык?. Хьирэт зыхуеяр къызэремыхъул?ар къыгуро?уэж – Улэ урыс фызыр къридзэркъым, ар езым нэхъри Пагуэ нэхъри ф?ыуэ нэхъыжьщ. Арауэ п?эрэ къыщ?римыдзэр, хьэмэрэ и л?ыр ф?ыуэ имылъагъуххэрэ?

– Пагуэ абы щ?эк?уэрейр и анэр къишэжыну аращ.

– Уэ уи гуащэм узэрыф?энар къуажэм те?уащ.

– Уэ сыдэпхьащи.

– Гуэныхь къыумыхь, зы псалъэ жызмы?а! Укъызэрашэрэ уи ф?ыц?э ф?эк? къызжьэдэмык?а. Майещи, си быным хуэдэу ф?ыуэ слъагъуркъэ? Зэрымыпсалъэм щхьэк?э си гур хупехри, слъэк?арэт, зыгуэр зэрыхуэсщ?эну.

– Си сабийм зыгуэр и лажьэу къуажэм дэпхьэмэ, зэи дызэк?элъихьэжынукъым уэрэ сэрэ.

– Мыр сыт, мыр сыт? Уи ф?эщи, нысащ?э!

– Майе узэры?уплъа щ?ык?эр зыщыгъэгъупщэ.

– Сэ слъагъу псор с?уэтэжу сыдэмыт… Къытехьэ зи?и щы?эщ, хъужынщ е ?эзэ хъунщи т?ысыжынщ. Мо зэ и ныбжь нэгъэс.

– ?эзи хъунукъым, и адэми ар идэнукъым! Игъэхъужыну дохутыр къыхуелъыхъуэ…

– Хъужынщ-т?э, хъужын, уи гугъэр хыумых. ?эмал зимы?э щы?экъым… ?эмал зимы?э щы?экъым. Ауэ… анэращ… уэращ псори зэлъытар. Уэ езым уощ?э ар.

– Сэ сытри сщ?энущ Майе щхьэк?э.

– Пэжуи? Нт?э пхузэф?эк?ынущ уэ абы и лажьэр тебгъэк?уэтыну. Утегушхуэмэ…

– Сыт сызытегушхуэн хуейр?

– Нак?уэ ныжэбэ си гъусэу, уи закъуэ щ?ык?э, къэпщ?энщ.

– Уэ гъуэгу щ?агъуэ хэпшыну си гум жимы?э…

– Сытри сщ?энущ жызы?ам ар и псалъэ?

– Жыжьэ сыпшэну?

– Умыгузавэ, а уи вакъэ лъэдакъэ лъагэм теувэ ухуеймэ – уи лъэр щ?ым нэсынукъым… Унэбжэр дамэдазэу къэгъанэ. Жэщ ныкъуэр зэхудип?алъэщ, жып?ам утетынумэ.

Хьирэт щ?ым зрегъэхуэхри, джэду гъуабжэу нартыху хьэсэм хохьэж.

Улэ и жумэрэн ещэныр къиухащи, пэгун нэщ?ит?ыр и?ыгъыу хадэм къок?ыж.

Жануэс ?эщ?элъ нэмэз щыгъэр игу къок?ыж, и щхьэм щызеуэ гупсысэ къомыр ирегъэк?уэтэк?ри, духьэм пещэ. Зэуэ и ?эпэр зыгуэрым псыф къищ?у, къык?эрыпщ?эу гу лъетэ. Пшапэ зэхэуэгъуэщи, хуиту илъагъуркъым зищ?ысыр, ауэ нэмэз щыгъэм зыгуэр к?эрылъщ, и ?эпэм йоплъыжри – мыр сыт? Лъым къри?ам хуэдэщ. Тобэ, тобэ, сыт къэхъуар? Зыгуэр къыщ?охьэж…

– Пагуэ, уэра ар? Уэздыгъэр пыгъанэт! Сыту ф?ыщэу къэбгъэзэжа. Майе дэнэ щы?э? Ар дауэ? И закъуэ щхьэ къэбгъэна?! Майе къэдгъэщтэжи, дыгъэк?уэж, дегъэхыж къуажэм!

…Майе Татианэ и псысэм дихьэхауэ йода?уэ. Ритэ лъэныкъуэк?э къыщысщ, къеда?уэ-къемыда?уэу ик?и ?умык?уэту – и анэр мо ?ейм къыхуигъэнэну игу техуэркъым. Псысэри к?ыхьщ, Татианэ ар къызди?уатэм Майе к?элъоплъ – и нит?ым щ?оплъэ, и ?упэ ц?ык?ухэр зэрып?эжьажьэм гу лъетэ. Сыт мыбы и лажьэ дыдэр? Псалъэркъым. Абы щхьэусыгъуэ гуэр и?эщ. Ар зы. Абы нэмыщ?к?и сыту п?эрэ и лажьэр? Тхылъ щеджэфк?э, губзыгъэщ хужып?энущ, ауэ тхылъыр зэхуищ?ыжамэ – апхуэдэжкъым… «Щ?ы?эм уисрэ, си пщащэ? Щ?ы?эм уисрэ, си дахэ? – Хьэуэ, дадэ, сискъым, сискъым. – Щ?ы?э Дадэр нэхъри къыбгъэдок?уатэ хъыджэбз ц?ык?ум. – Иджы-щэ? Иджыри щ?ы?эм уисыркъэ? – Хьэуэ, дадэ».

Татианэ и макъыр зэм гъум ищ?у, зэми хъыджэбз ц?ык?ум ещхьу, и ?упэ ?увхэмрэ и бзэгумрэ псалъэхэр хуиту къыжьэдэхуу, къепсэлъ, Майе къызэф?оувэри и ?э лъэныкъуэр ц?ыхубзышхуэм и бгъэм пэщ?егъэувэ:

– Щ?ыкъатиблым…

Татианэ антыхэбзэ къыгуры?уэркъым. Майе и макъым къызэрик?к?э мэк?ий. Ритэ къэщтауэ магъ.

– Щ?эгъэк? мыр, егъэшэж и анэм деж!

Майе урысыбзэм тохьэ:

– Сэ зыри си лажьэкъым. Псори сэр щхьэк?э мэгузавэ, ауэ сэ зыри си лажьэкъым.

Татианэ хъыджэбз ц?ык?ум ?эпл?э хуещ?. Майе игу трегъахуэ ?эпл?эри, дыхумэри.

Поделиться с друзьями: