Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

«А си Улэ дахэ, Сэбэр ?уащхьэм сыту ?ейуэ ук?уат, сынолъэ?ути зыпхъумэжыну. Быным и ?уэхур сыту гуащ?э, уи щхьэм уемыгупсысыжу уи хъыджэбз ц?ык?ум дежк?э зыбдзат. Тыншу упсэуну арат сызыхуеяр, сызэрыпхуэхъуапсэр. Пэшэгъухэм уи п?эк?и си щхьэр япэщ?эслъхьауэ т?ум ди хьэлъэри сэ сагъэпшын, си тхыр гъэшауэ, си щ?ыфэр удыным игъэуф?ыц?ауэ, фейцейуэ си гъащ?эр сагъэхь. А псор щ?эсшэчыр уэ уи щхьэрэ уи псэрэ ухуиту слъагъун щхьэк?эти, иджы, мис, уахыхьащ. Сэ иджыри къару гуэр схэлъыху, сыбдэ?эпыкъунущ, ауэ ит?анэ-щэ?..»

Дысэ и лъапсэр фаджэлыджэ хъуащ: пщ?ант?эр ежьужьым зэщ?ищтэжащ, хадэм хисэшхуэ щы?экъым, хисэ т?эк?ури шыудзым етхьэлэж. Улэ къэк?уэжамэ, дэнэк?и зедз, псори игъэтэмэмынут,

ауэ и к?уэжыгъуэр псынщ?эу къос, Пагуэ шыгур къегъак?уэри ирегъэшэж, е колхоз УАЗикыр къы?ихыфмэ, нэхъ псынщ?эххэу къык?элъегъэс.

Т?ЫАУЗ

I

– Мы сабийр абы умышэ, – Улэ щэхуу Пагуэ йолъэ?у.

– Ар абы ишэнущ, – жи езы Майе.

– Уэ зыри къоупщ?акъым, – хъыджэбз ц?ык?ум и псэлъэк?эр зэрызэтемыувэм анэр нэхъри егъэнэщхъей. Майе ф?эф?щ адэм зыщ?ып?э ишэну мурад зэрищ?ар,

дэнэми едэ, ишэ закъуэмэ.

– Мыр хуапэ, – жи Пагуэ.

– Мыр хуапэ, – жа?ар же?эж Майи, анэм зыхуигъэзауэ.

– Хэт «мырыр»? Сыт «мыр» жыхуэп?эр?! – Улэ къыщетхъ, хуэмейуэ и сабийр зэрырашажьэри а сабийм и псэлъэк?эр зэрымыхъури хузэхыхьэжауэ. Ауэ хъыджэбз ц?ык?ум езым деж мыхъумыщ?агъэ лъэпкъ щилъагъужыркъым, жи?эми дагъуэ и?эу къыгуры?уэркъым.

– Мыр хуапэ бжес?а?! – и макъым зрегъэ?эт Пагуэ.

– Мыр хуапэ бжес?а? – щэху ц?ык?уу же?эж Майе. Улэ зыри и гум темыхуэжу щ?ок?. Пагуэ сабий щыгъын къабзэ зэтелъыр къищтэри гъуэлъып?эм кърик?утащ:

– Майе, «сыхуапэ» жы?э, «сы-хуа-пэ». Уи анэр умыгъэбамп?эу, тэмэму псалъэ. И?э, узыхуейр къыхэх мыбыхэми зыхуапэ.

Майе и адэм йоплъри щэху ц?ык?уу же?э:

– Зыхуапэ…

Самэу зэтелъ щыгъынхэм зыгуэрхэр къыхех, хуэмурэ щет?агъэ, ауэ щ?ы?унэхэм щынэсым, хуэпхэркъыми, гъынанэу щ?едзэ. Л?ыр щ?ок?ри фызыр тригъэужыну похьэ:

– Зыри къэхъунукъым здэсшэмэ, махуит?-щы дыщы?энщи дыкъехыжынщ. Ди анэри къесшэхыжынущ.

Уедауэк?э Пагуэ зыри къызэрыпумыхынур Улэ къыгуро?уэ. Майе зэпеплъыхьри, и макъыр зэтриубыдэжауэ:

– Хъунукъым абы щит?эгъахэр, хузэсхъуэк?ыжынщ, – жи.

Майе щ?эрыщ?эу ихуапэри, зрикъузыл?ауэ т?эк?урэ и?ыгъащ. Хъыджэбз ц?ык?ум и ?эблит?ыр гуэлъщ, ?эпл?э сыт хэмыту, и нит?ым гуф?и нэщхъеягъуи къыщ?ихыркъым. Щ?эк?ыну хуейщи, т?эк?у къытре?этык?, армыхъумэ и анэм зык?и къегуэпэк?ыркъым.

Щыгъын лей хузэрылъхьэн хуейщ, унэм зэрыщ?этын вакъэ щаби щ?ыгъуу. Бжэщхьэ?ум чы матэ тетщ, шхын гуэрхэр изу илъщ, и щхьэр щхьэщыпхык?ыжащ, зы хъуржынышхуи бгъурытщ. Улэ унэм илъ шхыныпхъэм щысхьакъым, и пщыкъуэмрэ и гуащэмрэ я деж ирегъашэ. Тхьэм ещ?э адрейми ?ыхьэ хухахынуми – Татианэщ зэгупсысыр. Сыт ищ?эн Улэ, абы ип?ри Пагуэ и бынщ.

Куэбжэпэм «Волгэ» хужь къы?улъэдащ. Рулым дэсыр къик?ри чы матэри хъуржынышхуэри багажникым иригъэзэгъащ. Майе и щыгъынхэр зэрылъыр, зэрыджэгу гуащэр абы щхьэщысыжу, езым къыбгъурылъу ф?эк?а идакъым. И анэм ?эпл?э, ба къыхуищ?ащи, езым и напэр елъэщ?ыж. Анэр и гъусэу зэримыт?ысхьэри къыф?э?уэхукъым, зыщ?ып?э к?уэмэ, аращ зыхуейр.

Адэр шофёрым бгъурысу, л?ит?ым я щ?ыбагъым Майе къыдэсу йожьэхэр. Анэр гъуэгу сабэр къэзыгъэхъея маршынэм к?элъоплъ. Дапхуэдизу гугъу демыхьми, хъыджэбз ц?ык?ум и зыужьык?эм зыри хухэлъхьэркъым. Щ?охъуэпс сабий псоми яхэгъуащэ ищ?ыну. Гъунэгъу хъыджэбз ц?ык?ухэр къыхуишэрти, унэрами пщ?ант?эрами, зыхуейм щигъэджэгурт, и пхъум и гуащэхэри хуит яхуищ?ат. Майе абы щыгъуэми джэгуэгъуу къыхуашахэм т?эк?у яхэплъэрт, яхэтти, гунэс зэрыщымыхъуар нэрылъагъуу къахэк?ыжырт. А здишэм дауэ ар зэрыщы?эфынур?

– Тыншу ущыс, гуащэ ц?ык?у? – л?ы мыц?ыхур сабийм хуоплъэк?, мор еплъыркъым, жэуапи иритыркъым.

– Хэт деж дыздэк?уэр, Майе? – Пагуэ и пхъум йоупщ?, зыгуэр жригъы?эу зэрымыбзагуэр л?ы хамэм иригъэлъагъун щхьэк?э.

Адэри

жэуапыншэ мэхъу, ауэ Майе здэк?уэр ещ?э: Т?ыаузым.

– Нанэ деж док?уэ, аракъэ, Майе? Нанэ уигу къэк?а? – Пагуэ ф?эф?къым и быным дыгуэмыжьафэ къытеуэнк?э зэрыхъунур, аращи, зыф?имыгъэ?уэху хуэдэурэ сабийр псалъэмакъым хишэну йол?ал?э.

– И, нэху ц?ык?у, нанэ къэтшэжын? Уигу къэк?ащ, аракъэ?

Майе и гур унэ ц?ык?у хуэдэущ зэрызыхищ?эр, зэрилъагъур. Балигъит?ыр зыгуэрк?э къеупщ?ыху, а унэ ц?ык?ум зыщеплъыхьри, къэк?аи, къик?ык?аи щилъагъукъым, аращи езыри щыму къонэ, къеупщ?хэри жэуапыншэ мэхъу. Зыщ абы и гу-унэм щилъагъур: нанэ къоплъэ, къожьэри дурэш ц?ык?ум дэсщ.

– И гум исщ нанэ, – хъыджэбз ц?ык?ум и макъыр щэхуми, «нанэ» зэрыжи?ар адэм зэхехри, къэгуф?эжауэ, зоплъэк?. Зыкъегъэзэжри къыбгъурыс л?ым йоупщ?:

– Зэхэпха си пхъум жи?ар?!

Л?ым и щхьэр егъэк?эрахъуэ, зэхэсхакъым жыхуи?эу.

– Нанэ сигу къэк?ащ, жи! – къэхъуар бэлыхьу узыщыгуф?ык?ыну зэрыщымытыр къызыгуры?уэ Пагуэ и макъыр къызэрыгуэк? ищ?ыну яужь итщ, ауэ зэрыгуф?эр хуэбзыщ?ыркъым.

Майе маршынэ щхьэгъубжэм доплъ, лъэныкъуит?ымк?и к?апсэлъэрышэу зэк?элъыщыт унэхэмк?э ещ?ыха уэрамым ироплъэ. Зэм куэбжэм къыдэувык?ауэ зызыплъыхь балигъхэр елъагъу, тет?ысхьэп?эхэм тес дадэ-нанэхэм яхуоплъэк?, джэгум дихьэха сабий гуп ц?ык?ухэри къыщилъагъу къыхохуэ. Зыдэж къуажэхэр бгы абрагъуэхэмк?э къегъэбыдэк?ащи, хъыджэбз ц?ык?ум зыхещ?э ахэр узыщыгугъ хъун быдап?эу зэрыщытыр, я дзыхь ирагъэзу и лъапэм к?эщ?эт?ысхьа ц?ыхухэр зэрахъумэр. Зыхещ?э, ауэ хужы?энукъым, жи?энуи ел?ал?эркъым. Майе и щхьэм допсэуж, зэк?э нэгъуэщ? къилъыхъуэркъым. Ауэрэ къуажэхэр къаухри бгырэ ?уащхьэрэ ф?эк?а имылъагъуж мэхъу. К?уэмжэм, к?уэм-жэурэ, гъэщ?эгъуэну зызыхъуэж дунейм хохьэ. Зэм и нэхэр толыдэ хъуп?э хуитхэм, зэм мэз щхъуант?эм псэ зы?ут куэд зэрыщыпэк?ур зыхещ?э, нэхъыбэрэ зэплъыр бгыхэм дыжьыныфэ бгырыпх къраупц?эха хуэдэ, тепсыпсык?ыу къежэх псыхэращ. Псэ яхэтщ абыхэм, хъыджэбз ц?ык?ум ар ф?ыуэ ещ?э. Ит?ани а псы къежэххэр зэхэлъэдэжу къэхъуа псыхъуэшхуэм езым и псэ ц?ык?ур т?эк?у пэ?эщ?э ищ?мэ, нэхъ къещтэ, егъэшынэ абы щызэхыхьэжа къару лъэщым. Бгыщхьэ уэсхэри къощ?ы?эк?, нэхъ къищтэр удзылъэ щхъуант?агъэхэращ. Апхуэдэу, нэм илъагъум елъытауэ зыхищ?эхэм захъуэжурэ, ар сабийм къытехьэлъащ. И гуащ?э мащ?эр пэмылъэщыж щыхъум, гури псэри зыхъумэ жейм хилъэсащ. Ар нэгъуэщ? дунейщ, езым и хабзэ и?эжу. А дунейм Майе къыщелъэтыхь, мис, аузым щхьэщолъэтык?, зэм «Волгэ» хужьыр зрижэ гъуэгум къыщхьэщохьэ, къуршхэмк?э егъазэ…

– Майе, дыкъэсащ! – жи адэм.

Т?ыауз къалэ ц?ык?ум Майе и щыпэкъак?уэщ. Дэни хуэдэу, мыбыи дыгъэ къыщопс, жьы къыщопщэ, сабафэ щхьэк?э, сабэншэщ. Мыбы дэт унэхэм хэлъ щхьэгъубжэ зэпэпл?имэхэм я щхьэм нэгъуэщ? къытетщ, абы ищхьэжым иджыри къытетщ, псори зэхуэдизыбзэщ. А унэхэр зи инагъ ущ?ыхьэмэ, ущ?эгъуэщэнукъэ? Ящыщ зым щ?охьэ зэадэзэпхъур. Дэк?уеип?э къэгъэш-нэгъэшымк?э док?уей, ещанэ къатым носри зэхуэплъэу хэлъ бжэ зэщхьит?ым язым бгъэдохьэ. Майе шхынымэ къыщ?ехьэ: зыгуэрым к?эрт?оф егъажьэ, бжьын куэду хэгъэлыбжьауэ. Псыунэм и щ?этщ. Майе и гур къок?уэ, и щхьэр мэуназэ, и лъакъуэр щ?ощ?эри къомэх.

?эгу пхъашэ и щхьэфэм къыдалъэмрэ макъ щабэ къепсалъэмрэ зыкърагъэщ?эж. Т?ури ф?эф?щ, и псэм ?эпех, и гум дохьэ – и нанэращ зейр. И нэр къызэтримыхыу и нап?эм къызэпхроплъри, нэху защ?эу зэщ?эблэу елъагъу и анэшхуэр. Нанэ и нэхум хэджагуэу щылъыфынут ?эджэрэ, ауэ абы уфафэу зы ныбжьышхуэ къыщхьэщытщ – ар и адэм ейщ.

– Мы сабийр шхауэ къепшэжьа? – гузавэм игъэк?эзызыхь макък?э щ?оупщ?э нанэ.

– Сэ сщ?эрэ? – жи и адэм, и пц?ыр пэжыфэу игъэ?уну егугъуурэ. Улэрэ езымрэ зэдэуэху маршынэр къэсри, сабийр мышхауэ кърагъэт?ысхьат. Пэжыр жи?эмэ, анэр шхыдэнущ, Пагуэ абы хуейкъым.

Поделиться с друзьями: