?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:
Аргуэру щ?алэ ц?ык?ум игу къок? и нанэр куэдрэ мыпсэуну. Нанэ псэунущ, псэунущ, псэунущ…Техутэар быдэу игу ирилъхьащи, аращ пэж хъунур. И анэр нэгум къыщ?оувэ, ар нэщхъейуэ къоплъ: «Си къуэ ц?ык?у, сэри сыпсэуами хъунут. Уэ зым ф?ыуэ сыкъэплъэгъуамэ, сыпсэунут иджыри, си фэм сыкъихьэжынурэ, сыгуф?энут, сыдыхьэшхынут, сыпщэф?энут, щ?акхъуэ зэтеуп?эщ?ык?и пхуэзгъэжьэнут…» Техутэ Улэ и бгъафэм зыщ?екъузэри, зэщыджэу магъ. Майе щ?алэ ц?ык?ум бгъэдохьэри ?э делъэ. Майе псалъэркъым, бзагуэу аракъым, ауэ псэлъэгъуейщ. Зэзэмызэххэщ щыгуф?эр. Райцентрым щыщу Дысэ ц?ыхуит? къыхуэк?уат. «Къулыкъущ?эшхуэ Налышык къик?ынущи, ар къыщык?уэм ирихьэл?эу уи деж ц?ыху ?умытамэ арат!» Дысэ къыжра?эр зэхих-зэхимыхщ. Сэ махуэк?э къэк?уэнур зэзгъэзахуэркъым, жи. И нэр егъэплъыз, ит?анэ лъэныкъуэк?э йоплъэк?. «Бэрэжьейм шэджагъуэ нэужьу кърек?уэхэ», – яжре?э.
…Техутэрэ Майерэ зыкъомрэ уэрамыщхьэм деж щыджэгуахэщ, ит?анэ
– Умышынэ, нанэ куэдрэ пхуэпсэунущ, – жри?ащ и нит?ым гузавэ щ?эту къаплъэ Техутэ.
Майе зэгупсысым щыщу къигъэ?ур мащ?эт, ауэ Техутэ нэхъ псэлъэгъу ищ?ырт.
Л?ит?рэ нысащ?э зыщыпл?рэ, джэм, к?уатэурэ псыпц?эм щынэблагъэм, таурыхъми хэту ямыгугъа зы нап?эдэхьеигъуэм я нэгу щ?эк?ащ. Нысащ?эхэм къуахъуэпсыхъуэр зэрахьэу, хэт и щ?ыбыр игъазэри зэрик?ийм хуэдэурэ щ?эпхъуэжащ, хэт и нэр иубыдыжри ет?ысэхащи, къигъаплъэмэ, илъагъунум и псэр дыхэк?ыну къыщохъу, л?ит?ыращи, я п?эм ижыхьауэ зыпэмыплъа шынагъуэм к?элъоплъ. Ар псэущхьэ гъумыщ?эт, щхьэшхуэрэ и нит?ым маф?э къыщ?ихыу, и джабэхэм цы к?ыхь зэхэпц?эжа къелэлэхт. Лъыхъуак?уэхэм я гъуэгур зэпиупщ?у, зэм лъакъуит?к?э жэуэ, зэми хьэлъакъуипл? зищ?у нэр темыпы?эу блэжащ. Гупым зыкъамыщ?эж щ?ык?э псэущхьэр псыпц?эм нэсри сабиит?ыр зэщ?иубыдащи, щ?ы джафэм тет хуэдэу, псыпц?э щ?ы?ум щоджэрэз. Къыжьэдэпк?ыным хуэдэу и гур къеуэу къэса Улэ и пащхьэм къихуэу псэущхьэ шынагъуэм сабиит?ыр къидзри, езыр пхырыхуами, уафэм зи?этами къыпхуэмыщ?эу, бзэхыжащ. Майе дежк?э къэхъуам зы гъэщ?эгъуэнагъ гуэри хэлъу къапщ?эртэкъым, зэрихабзэу щыму, и нит?ым къыщ?эщи щымы?эу ц?ыхухэм яхэплъэрт, ауэ Техутэ псэ хэмытыж хуэдэу и фэр зэрыпык?ам къигъэлъагъуэрт шынэм зэрызэщ?и?ул?ар. Л?ит?ым зыкъащ?эжри сабийхэр зырызу къащтащ, хьэщхьэвылъэр (зэрыарам зыми шэч къытрихьэртэкъым) къак?элъыжэ нэхъей, псалъэмакъыншэрэ лъэ псынщ?эу къуажэмк?э къаунэт?ыжащ. Нэхунэ и къуэрылъхум псоми зэхахыу ешхыдэн хуейуэ къилъытэри, щ?эгубжьащ:
– Мырелъ мыбы и дунейр! Сыт иджы сэ уэ уэсщ?энур? Хъыджэбз хьэщ?э ц?ык?ур щ?епшэжьар сыт, пхузэрызудынщ уи лъакъуэр, – жа?э хабзэр жи?ащ.
Щ?алэ ц?ык?ум зригъэгъэпск?ыжщ, щыгъын къабзэ щригъэт?агъэри, ит?анэщ гу щылъитар зэрымыпсалъэм. Тхьэмахуэк?э ц?ут? жи?акъым, пщ?ант?эми дэк?акъым.
Дысэрэ Нэхунэрэ я унэхэр зэпэщытщ. Нэхунэ, ар и ?эщ?агъэщи, зэпымыууэ цым йолэжь, и къуэрылъхур еп?, ирегъаджэ. Упщ?э алэрыбгъухэмрэ лэгурыбгъухэмрэ я зэманыр ик?ащ, иджы къащэхур ковёрщ. Зылъэк?ым и ковёрыр хэплъыхьащ, блыныр зэрыщыту иуфэбгъурэ цыпэхэр дыгъэм пэц?ууэ, лъэгурыбгъуми цы к?ыхьыр ?уву тетрэ уи лъакъуэр хэщатэу. Зылъэмык?ри ковёрщ, ауэ и цыр тегъэщхъарэ блыным хуэмыф?у, лъэгум иридзын имыгъуэтыххэу апхуэдэщ.
Щ?ак?уэ зезыхьи щы?эжкъым – цейр щыхыф?адзэжк?э, щ?ак?уэри абы к?элъык?уэнкъэ. Иджы губгъуэм ит ?эщыхъуэхэм, хэти жьыуейпсыуейр к?уэц?рык?ыу жьы хъуа щ?ак?уэр зэрехьэ, щ?э щамыщ?ыжк?э, хэти джэдыгужь къыздрехьэк?. Къэфак?уэ гупхэмрэ къулыкъущ?эхэм къахуеблагъэ хьэщ?э лъап?эхэмрэ я ф?ыгъэщ Нэхунэ и ?эщ?агъэм иджыри щ?эупщ?э зэри?эр: зыхэр сценэм иритынущ, адрейхэм тыгъэ ящ?ынущ. Шууейм щахуищ?ым, щ?ак?уэр ?увт, жьыи псыи к?уэц?рымык?ыу, бгъэувамэ, зэф?эту, ауэ джэгуак?уэ щыгъыныгъуэу арамэ, сыт щхьэк?э ?уву ищ?ын, и щ?ак?уэр псынщ?агъуэщ. Щхьэкъэ?эт имы?эу щылажьэ къыхуохуэ Нэхунэ – къэфак?уэхэр гъунэжщ.
Дыси «мэлажьэ», и пщ?ант?эр ц?ыху к?уап?эщ, антыхэри, шэшэнри, ингушри, асэтынри щопэк?у. Къек?уал?эр зигу ныкъуэхэращи, зыгъэгумэщ?ыр къыхуа?уатэ. Фыз ?эзэм яригъэ?уэтэжыну щогугъ, къэ?эбэу ящхьэщихыну я ф?эщ мэхъу. Дысэ епл?эк?уащ, жьы дыдэ мыхъуами, и фэр к?уэдащ, къытехьэлъапэу хуежьа и ?эзэгъуэм к?э игъуэтами хъунут, ауэ гугъуехьри къыхехыж, и пхъур зыпэрагъэувэнк?э хъуну ?энат?эм щихъумэну хуейщи: и пэшэгъухэми, абыхэм къапыщ?эжахэми хъыджэбз ц?ык?ур хуит къащ?ати, езыр л?эжыху я унафэм щ?этми идэнут. Ипхъу закъуэр ц?ыху хуэдэу ирепсэу, л?ыф? ишащ, бын игъуэтащ. Абы Улэ пкъригъэхьат ?эзэ ?уэху хэмыхьэну, удыгъэу къыдалъхуар зыщигъэгъупщэну.
«Къур?эн
еджамэ, арат. И гуащэр еджэфу жа?э. Арщхьэк?э Пагуэ коммунистыжьщ, къыхуидэнукъым. Къэнэжыращи, духьэуэ ищ?эр гук?э жре?э, и щхьэр ирехъумэж, ц?ыху къызэрыгуэк?ыу ирепсэу, и быныр хуиту иреп?ыж…»Аращ игъащ?эми – гур зэрыгъум дыгъур ирожэ. Хуэхъумакъым и пхъур. Улэ Сэбэр ?уащхьэк?э зэ игъазэмэ, псэуху къызы?эщ?эмык?ыжынухэм зэра?эщ?ыхьэнур, абы кърик?уауэ и унагъуэр зэрызэтекъутэнур Дысэ къыжра?ауэ ищ?эрт. Игъэзащ-т?э. Хъыджэбз ц?ык?ум тегужьеик?ри игъэзащ. Зыхыхьэн хуэмейхэм яхыхьащ, имыщ?эххэу заритащ. Иджы Пагуэрэ Улэрэ я насып зэпц?ам къутэжын щыщ?идзэнум Дысэ поплъэ. Гузэвэгъуэм зэрехуэри, зыгуэрхэр яхузэрехъэ, и пхъум и унагъуэр зэтри?ыгъэну «йолэжь», ауэ а псори зэрыщхьэгъэпц?эжыр ещ?э. Ец?ыхуж абы и пэшэгъухэр – хаубыдык?ар я жы?эда?уэ ящ?, хуащ?ыр и унафэнущ.
Налышык къик?ыну къулыкъущ?эр зыхуейри ещ?э. Ар къыщ?эк?уэм Дысэ и ?эзэгъуэ хэлъщ. Тыншу къехъул?энукъым, ауэ хуищ?энущ. Дысэ а къулыкъущ?эм зыгуэрк?э хуеижынущ. Ари ещ?э, ари и нэгу къыщ?охьэ, зэхех… Сытуи ?уэху зэхуэмыдэ куэдым хэплъэрэ!
Тхьэмахуэ к?уам Арщэбэ къик?ри зэл?зэфыз къыхуэк?уат. Унагъуэр зыщ?эшхыхь я жэм псэфыр к?уэдат. «Къэвгъуэтыжынущ, мэз лъапэм фыщылъыхъуэ,» – яжри?ащ. Дысэ зыхищ?ат а жэмым и бэкхъ зэгъэпэщар езыгъэбгына гузэвэгъуэр. Ищ?эжырт езым ипхъу закъуэр, балигъып?эм иува къудейуэ, и ?эк?э зэрызыщ?ичыжар, унагъуэ ихьэмэ, нэхъ хъума хъуну щыгугъыу… Мыбыи, псэущхьэу арами, анэ гукъеуэ и?эт. Илъэс къэс шк?ащ?э къыщ?охъуэри, псынщ?э дыдэуи к?эщ?ач, зы уасэ хуагъэуври, ящэ. Анэ хъуа жэмыр хуейт и шырым гу щихуэну, и нэ?э тету къигъэжэпхъыну. Иджы, и лъхуэгъуэр къыщысыпэм, и быным хуиту игъусэну, мэз лъапэм зыкъыщинэри шк?эбз ц?ык?ур дунейм къытригъэхьати, и ?ут?ыжт. Зыри къапэрымыуамэ, абы и пхъур ип?ыжынут, игъэсэнут и щхьэр игъэпсэужу. Ауэ… насып здэщымы?эр ц?ыхум я деж и закъуэкъым.
Дысэ зэрыжи?ам хуэдэ дыдэу, жэм зэщ?эсыр мэз лъапэм къыщагъуэтыжащ. Шк?ащ?эр къабзабзэт, гъущэт, и ныбэ изт. Нэрылъагъут ар анэм зэрызэщ?ибзеяр, шэи зэрыхуэмыныкъуар. Анэри, щыпсэфым и?а хьэлъагъыр хэмылъыжу, пкъыф?эрэ псынщ?афэу, и нэ псыфхэмк?э къахуеплъэк?т къык?элъык?уахэм, и быдзхэр зэк?эщ?эп?иерэ и шхуэлыр шэм къызэгуитхъынущ жыуигъэ?эу, пэгун хуэдизу зэ?ышауэ. Псом нэхъ гъэщ?эгъуэнырати, жэмымрэ шк?эмрэ я пащхьэм и джабэр иуэжауэ дыгъужь исщ и дзэр зэрегъэшхри, ауэ къэтэджынуи ?эщхэм ябгъэдыхьэнуи хузэф?эк?ыркъым. Ц?ыхухэр къыщы?ухьэм, ерагъыу зыкъи?этри и щхьэр ?уихыжащ. Мис апхуэдэщ Дысэ и ?эзэк?эр. Иджы къуажэм щагъэхъыбар дыгъужьыр хьэпэщыпхэ зэрищ?ар. Нэхъыбэр есэжащ Дысэ хуэдэхэм я «?эщ?агъэм» – антыхэхэми адрей лъэпкъхэми игъащ?эм къадок?уэк? ар.
Коммунист къулыкъущ?эхэм ?эзэгъуазэти, ?эгуиплъэти, джэшыдзти жыхуа?эхэр лъэхъэнэ к?ыф? къызэранэк?ам къыхэнэжауэ щытын хуейуэщ къызэралъытэри, Дысэ и ?эщ?агъэр ирагъэгъэт?ылъынут, ауэ я фызхэм къыхуагъэдахэркъым. Къэгузавэмэ, дэнэ здэжэнур, хэт зыбгъэдыхьэнур? Коммунистхэми абы я партми яхузэф?эмык?ын хузэф?ок? фыз ?эзэм… Дысэ дыгъужьми, шыми, бзуми ?эзэгъуэ яхуи?эщ. «Псэущхьэхэм хуэдэу си?арэт ц?ыхур, ц?ыхум мыц?ыху яхэтщи, нэхъ гугъущ. Ц?ыхуипщ?ым я епщ?анэр ц?ыхукъым – нэщ?щ е к?ыф?щ. Нэщ?ым зыгъэпсэун гуащ?э, к?ыф?ым зыщ?ишэн нэху хъуреягъым щы?эм я деж къыщалъыхъуэ, зэи загъэнщ?ыркъым, ирикъуыркъым, яхуэчэмыр къалъыхъуэ зэпытщ.
Майе сыту къызэригъэщ?ар? Нэхум, хъуаскуэм, бзийм зыхуеший, ауэ езыр къэц?ыхугъуейщ. Сабий хьэлкъым хэлъыр, и щхьэм илъымрэ и псэм къыщыушымрэ бзыщ?ащ, щ?эхъумащи, Дысэ къыхуэлъагъуркъым.
…Гъатхэпэ мазэм и к?уэц?к?э Сэбэр ?уащхьэм пэгъунэгъу къуажэхэм, пшапэзэхэуэгъуэ щыхъум, я щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэри, нэху щыуэ дыгъэр къыщ?эк?ыху ?уахыркъым, я унагъуэм щыщи дунейм къытрагъэхьэркъым. А мазэм зы махуэ хэтщ удхэм я зэхуэсыгъуэу, ауэ ар дэтхэнэ махуэрами сытк?э пщ?эн, аращи мазэ псом захъумэж зэрыжылэу. Удхэми а зэхуэсым хуэмеижхэри яхэтщ, ауэ «ухуей-ухуэмейуэ» абы я ?уэхур щытыжкъым. Мыхэр щ?ым епха удмэ, я унафэщ?хэр уафэм епхащ, я унафэр тк?ийщ. Сытк?и жы?эда?уэ удхэм гулъытэ лей ягъуэт, дэ?эпыкъуэгъухэр кърат, пщ?э зи?э удхэр зэрагъэщ?эращ?э хьэпшып ц?угъэнэхэм щыщ къыхуагъэфащэ, зэхуэсхэм ирик?уэну. Апхуэдэ къалэжьын папщ?э, куэдыр къыдахьэхрэ я псэр шейт?аным ?эщ?рагъалъхьэу, къыхуагъэлъагъуэ ц?ыхум узыфэ ?ей пкърагъэхьэу е фадафэ ящ?у «лэжьэн» хуейщ. Къызэрыгуэк? удмэ, ф?ыц?эрэ ц?ууэ залауэ жыхапхъэм тесу йожьэ, я унафэщ?хэм я нэф? къыщыхуамэ, ажэ къыхуагъак?уэри, мэшэс. Ц?ыхухэм тхьэ ща?уэж, удхэм сабийуэ къа?эрыхьэр ядыгъуу, Сэбэр ?уащхьэкум щагъэув ?энэм гъэжьауэ тралъхьэу. Ящыщи джэду защ?ауэ къот?ысри унэм къыщ?ок?уасэ, къа?эрыхьэм йоп?эстхъ, йоп?эск?у, я лыр уф?ыц?ауэ, зэхэфыщ?ауэ къагъанэри щ?ок?уэсык?ыж, аращи, хуэсакъын хуейщ. Дэтхэнэ къуажэми сабийуэ дэсым зыри хэщ?ыркъым, удхэр зэрылъатэри зыми илъагъуркъым, ауэ ?уащхьэм пэжыжьэ жылэхэри щощтэ а нэрымылъагъу къэхъум.