Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

– Мыр къоджэф! Плъэгъуа, Ритэ?! Илъэсипл? хъуа къудейщ, ит?ани къоджэ! Уэ хьэрфхэр илъэситхум уиту уэзгъэщ?арэ пэт, еджап?эращ уеджэфу ущесар.

– Нт?э сыт? Еджэфми, делэ ц?ык?ущ.

– Бэяу, жумы?э апхуэдэу.

– Мыбы зыри жи?эжыфынукъым. Псалъэркъым.

– Уи адэм зэхихмэ, и жагъуэ хъунщ.

– Си адэр мыращ зыдэпсэур, сэракъым. Пц?ы бупс мыхъуну жи?эркъэ? Нт?э, пэжыр жыс?эу аращ – ?эпл?эк?э кърихьэк? и пхъум хухэтщ.

– Бэяу, ?ук?… И?эт, Майе, къеджэт тхылъым.

Майе, ц?ыхубзышхуэм и ?эр еубыдри, и ?эпэр тхылъым хуехь.

– Сэ сыкъебгъэджэну ара?

Татианэ, тхылъым зэреплъ щымы?эу,

гук?э ищ?э таурыхъыр же?э.

Пагуэ къахохьэж.

– Фызэгуры?уа хуэдэщ. Мыр къыфхуэзгъанэмэ, дауэ хъуну? Зэшыпхъуит?ыр зэрыц?ыхунт.

– Къэгъанэ, ф?ы дыдэщ. Сэри сф?эф?щ Ритэ зэримызакъуэр, шыпхъу зэри?эр ищ?эмэ.

– Сэ ди анэм деж сыплъэнщ, мыгузэвэну жес?энщ. Пщэдей къуажэм дык?уэжынущ. Ритэ, уэ унэхъыжьщ, уи шыпхъу ц?ык?ум хуэсакъ, нобэ ягъэджэлащ.

– Папэ, уэ хэт нэхъыф?у плъагъур? Майе, хьэмэрэ сэра? Зи гъусэу упсэуращ, дауик?!

– Мыдэ къак?уэт, си гуащэ. Апхуэдэу щхьэ жып?эрэ? Т?ури фызибынщ, т?ури ф?ыуэ фызолъагъу. Уэ унэхъыжьщ, нэхъыбэ къыбгуро?уэри, нэхъыбэк?и сыпщогугъ. Ф?ыуэ еджэ, мамэ еда?уэ.

– Седжэурэ сешащ сэ, еджап?эр сужэгъуащ. Махуэ къэс унэ лэжьыгъэ, унэ лэжьыгъэ… Нобэ тхыгъэ згъэхьэзырын хуейщ Хэку зауэшхуэм хэта гуэрым теухуауэ. Дадэ сытетхыхьынут, ауэ сэ ар зэи слъэгъуакъым. Папэ, уэ схуэтх. Уэращ ар зи адэр, уэращ абы и гъащ?эм хэзыщ?ык?ыр.

– Уи адэшхуэр партизану щытащ. Нэмыцэхэм я?эщ?эк?уэдащ. Тхы апхуэдэу, аращ зэрыщытар.

Майе и нап?эр къимы?эту зэпсалъэхэм я урысыбзэм щ?одэ?у. Пагуэ ?эпл?эк?э и?ыгъа Ритэ ирегъэувэхыжри щ?ок?.

Ритэ и адэм зыщигъэнщ?къым, мис, аргуэру зричри ежьэжащ.

– Мы ?ей ц?ык?ум и зэранщ папэ ди деж зэрыщымы?эр! – Ритэ гъыну хьэзырщ.

– И адэр игу къэбгъэк?ыжри къэгумэщ?ащи аращ щ?ыщ?эк?ар, сыт щыгъуи къытохьэлъэ абы и гугъу ищ?ыныр, – жи Татианэ.

– Сыт-т?э сэ иджы сщ?энур? Сэ сц?ыхуакъым дадэ, зыц?ыхуа си адэр зытемыпсэлъыхьыфым теухуауэ сэ сыт схуэтхынур?

Татианэ и пхъум жи?эр къыф?э?уэхущэкъым, Майе къы?эрыхьа щ?ык?э, зэпеплъыхь, игъэпсэлъэну хэтщ, хуейщ сабийм и щытык?эр къызыхэк?ыр къыгуры?уэну.

III

Пагуэ къалэ ц?ык?ум и уэрам нэхъыщхьэм ирок?уэ. Къуэпсыбэк?э къепха хъуащ мы щ?ып?эм. Гъунэгъу дыдэу къыщыт къуршыщхьэхэм доплъей, хъуреягъыр зэхеплъыхь. Сыт лъандэрэ къык?элъик?ухьрэ ?уащхьэмахуэ лъапэ деж и адэм фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ. Партизан гупым хэту мыбдежхэм щызэуат, щаубыдари мы щ?ып?эрат. Нэмыцэхэм сытым щыгъуи щысхь ящ?эртэкъым, ауэ партизан къа?эрыхьамэ, фибл трахт. Пагуэ и адэр мыхьыр ирагъэхьу мазэк?э я?ыгъа нэужь, яук?ыжат. Пагуэ къызэрилъытэмк?э, ар л?ыхъужьщ, къелэжь и фэеплъ сын щызэуа щ?ып?эм щыхасэну. Абы теухуауэ Т?ыауз щы?э райсоветым щ?ыхьати, къыда?ыгъакъым – Налышык унафэ къытхуимыщ?ауэ дэ апхуэдэ фэеплъ дгъэувыну дыхуиткъым, жа?э. Налышыки к?уащ. «Уи адэм и закъуэ хуэбгъэув хъунукъым, партизану хэк?уэдахэр куэд мэхъу», – къыжра?э. «Хэк?уэдахэм псоми я ц?эр тету дывгъэгъэув абы щыгъуэм!» – яжре?эри, «?уэхум дыхэплъэн хуейщ, ар апхуэдэу псынщ?эу зэф?эк?ынукъым…» – къы?уагъэк?ыж…

Тригъэзащ, тригъэчыныхьащ. «Апхуэдэу псынщ?эу зэф?эк?ыну ?уэхукъым, Мэзкуу тхэн хуейщ…» Мэт?ысри езыр матхэ Мэзкуу, жэуапыр псынщ?эу Налышык дэс унафэщ?хэм къахуок?уэж, партизану щ?ып?эм щыхэк?уэдахэм фэеплъ хуэгъэувыныр фэ фызэреплъщ жи?эу. Пагуэ ираджэри, къепсэлъащ, къыжра?а къомым къыхэпхыну хэлъар зыщ: мыр псынщ?эу зэф?эк?ыну ?уэхукъым…

Илъэс

т?ощ? дэк?ыжащ а зауэр зэриухрэ. Ар мащ?э? «Апхуэдэу псынщ?эу зэф?эк?ынукъым» жызы?эхэм зыри ямыщ?эну аращ.

– Фэеплъ гъэжыным ипэк?э комиссэ зэхэшэн хуейщ, зэпеуэ къыхэлъхьэн – куэд мэхъу абы пыщ?ар. Дэ иджыри дызыхунэмыса фэеплъи ухуэныгъи ди гъунэжщ… Уи адэм и ц?эри, фэеплъ къыхуагъэфэщэн хуэдэу, къыдэхыжын хуейщ…

Пагуэ къогубжь: сыт «къыдэхыжын хуейщ» жыхуа?эм кърагъэк?ыр?! Абы и ц?эр къуалъхьэжакъым, зыми шэч къытрихьэу идэнукъым л?ыгъэ хэлъу зэрык?уэдам! Пагуэ ирогубжь, тоуж, иронэщхъей адэм и ?уэхум. Зыми емыупщ?у фэеплъ ек?у хуигъэувынущи, хуит къамыщ?ауэ ?уплъап?эм деж щыхисэу ядэнукъым, къуэгъэнап?э щигъэувмэ, хэт зылъагъунур, сыт и мыхьэнэр? Гуит?щхьит?щ, илъэс дапщэ хъуауэ егупсысрэ абы…

Пагуэ къалэ сабафэу сабэншэм и уэрам бгъуф?эм ирок?уэ. И ?эпкълъэпкъ шэщ?ар зымыгъэпсынщ?эр и щхьэм щык?эрахъуэ гупсысэмрэ и гукъеуэ бзыщ?ахэмрэщ…

?эдэми и щхьэр ежьа, сабийр шахтэм щ?ишар сыт? Езыри гузэвэжащ, ауэ сыт делагъэ пщ?эуэ угузэвэжк?э? И ныбжь нэсащ абы ищ?эр къыгуры?уэжыну…

Сыт апхуэдизу и нэ къыщ?ик?ыр адэм фэеплъ хуигъэувыну? Адэц?эр ихъумэну ара, хьэмэрэ езы Пагуэ игу иризэгъэну ара?

И нэгу къыщ?оувэж адэр иужь дыдэу щилъагъужар, и нэщ?ащэм лъыр ипц?ыхьауэ, и напэр дыркъуэ защ?эу, и ?эпхъуамбэхэр зэхэкъутауэ… Сыту бэлыхьышхуэ къытралъхьат уи псэм, си адэ… Щы?э а псэр езыр? Лыр мэуз, гум зызэхуешэ, ауэ псэр… Псэи тхьэи щымы?эу аращ коммунистхэр зытетыр, езыри коммунистщ.

Пагуэ здэк?уэм и пащхьэм л?ы гъумыщ?эшхуэ къоджэразэ.

– Мыр сыт? Уэрамым утехуэркъэ? Зуплъыхь хъуну? Л?ы мыц?ыхур бэлэбанэу зэрыхуэпам тегушхуэгъуаф?э ирегъэщ? Пагуэ: мыр зи теплъэ лэжьап?э ?уткъым, нэхъ ?еижращи, йофэ. Небэкъебэу, делэ гуф?эк?эу къыжьэхок?уатэ езыри.

– Тек?уэтыт, зык?и узи?уэхукъым, си п?эм сыкъыумыш!

Л?ы мык?уэмытэм къепсалъэр хьэ бэнауэ къыф?эмы?уэхуу, и тхьэк?умэм ?эпхъуамбэжьак?эк?э йот?ыхьри щытщ. Пагуэ абы къыпик?ухьыну хуожьэ – мор аргуэру и пащхьэ къохутэж. Пагуэ мэгубжь – мор подыхьэшхык?. Къыпек?ухь, гъуэгум къытренэри адэк?э мак?уэ, «уэху» жи?эжащ… Л?ы мыфэмыцыр и пащхьэм къохутэж.

Ушейт?ан, зиунагъуэрэ, мыр дауэ?

– Уэ шейт?ан уи ф?эщ хъурэт-т?э?

– Хъуркъым!

– Шейт?ани мелы?ычи щымы?эу аракъэ?

– Щы?экъым!

– Нт?э-нт?э. Коммунист партым ф?эк? зыри уи ф?эщ хъуркъым уэ.

– Си жьэр зэщ?эсхыркъым, мы мыфэмыцми и жьэ зэщ?ихыркъым, дауэ дызэрызэпсалъэр? – йогупсыс Пагуэ, модрейми къыпещэ:

– Еууей, Пагуэ, л?ыку ухъуащ, гу къыслъумытэ зыпщ?урэ. Сэ сы-уэращ. Убзыщ?у, ц?ыхум къебгъэщ?эн ушынэу пхэлъ хьэл гущык?ыгъуэхэмрэ уи ?эужь щ?эпхъумэжахэмрэ зык?уэц?ылъ Пагуэр сэращ.

Л?ы мык?уэмытэм къык?эрих бамэм имыгъэбэуэжу Пагуэ и гур кърегъак?уэ… Хьэуэ, пц?ыщ, абы ?умпэм къыщ?ащ?ынрэ ц?ыхум ящибзыщ?ыжынрэ зэи илэжьакъым. Мыр шейт?анщ, шэч хэмылъу. Коммунистхэм ямыдэми…

Жануэс аргуэру и закъуэщ. Пагуэ къигъэзэжакъым, ?эдэм щ?эк?ыжащ. Нэмэз ищ?ри, нэмэз щыгъэ игъажэу т?ысыжащ.

Мы Т?ыаузым дыгъэр псынщ?эу щыкъуохьэ – лъэныкъуит?ымк?и бгы задэхэр къыщытщ, тафэм деж куэдрэ къыщыптепсэ дыгъэр мыбдеж бгым пасэу пщегъэпщк?у.

Поделиться с друзьями: