Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

Апхуэдэ зы махуэу, къыпэплъэ гъащ?эм хэплъэу здэщылъым, джэду лъакъуэ гуэр къытепк?эри къыхэк?иик?ащ: «?ук? адэ!» Арщхьэк?э зыри щыткъым и гъунэгъуу. Ар дауэ ухъу – къапц?эу, зыхэт дуней дахэм зыгуэр къыф?эщ?а щхьэк?э къащтэу къыхэк?ыжыну?! Ят?эу зыщихуар дыгъэм к?эригъэгъущхьащ, и напэм быдэу тежыхьащи, зы гурыщ?и къищынукъым, и гур къызэреуэр езым зыхищ?эжми. Зигъэщхъауэ, удз к?ырым зыкъыхимыгъэщу гуэл ?уфэм нос, зыхедзэри, къигъэщ?ытэм, и?уэтурэ ят?эр зык?эрегъэк?ыж. Къабзэ хъужа и ?эпкълъэпкъыр псым щ?егъэмбрыуэри, зыкъи?этыжмэ, и дамэхэм, и пл?эм ежэхыж псы къабзэм и гум жьы дрегъэху, и нэк?ум къежэх тк?уэпсхэм бзэгупэк?э йобзейри, зыми хуэмыдэу ?эф?у къыщохъу. Улэ псым къыхок?ыж. Псы тк?уэпс ц?ык?ухэр и хъыджэбзыфэ щабэм ежэхыурэ лъэпкъынэм щынэсым, щ?ым зыщ?ифыжыни къыхэмынауэ зеухыж. И нэк?ум к?эрыпщ?а шылэ щхьэц ?эрамэ ц?ык?ур ирелъэщ?эк?ри тхьэк?умэм

дегъэзагъэ. И ?ит?ыр и щхьэщ?ыбагъым щызэридзэри, и бгъит? щызыр, и ныбэ захуэр, бдзэжьейуэ джафэ и куэ тк?иит?ыр дзыхь зыхуищ? дыгъэм хуигъэзащ, модрейми и бзийхэмк?э хъыджэбз ?эпкълъэпкъыр зэщ?ибзаеу щ?идзащ. Улэ зэщ?эгъущхьэжащи, и дамэщхьит?ым щыщ?идзауэ и ?эгу щабэхэр зыдилъэурэ кърегъэх. И фэр шылэм хуэдэщи, ?эгур тож, и быдзыпэ ц?ык?ухэращ пхъэшагъэ т?эк?у зыхезыгъащ?эр. Хуэму зытелъэщ?ыхьыжурэ ех и ?эгухэм куафэ щ?ы?умк?э тра?уант?э. Нэ лей хуейкъым хъыджэбзыр, ауэ зыгуэр зэрымыщ?эк?э кърихьэл?эми, нэбзийхэр и нэм щ?эпсэнурэ щигъэунк?ыф?ык?ынущ, Улэ къытеплъэфынукъым. Мы лъэхъэнэм ар зейри, къытехъуэпск?ыхьри, езым ф?э?эф?ри дыгъэращ. Мис, зыкъыщимыгъэнщ?у и нэбзийхэмк?э къыхуогуапэ, къодэхащ?э, зылъэмы?эс къимыгъанэу хъыджэбз ?эпкълъэпкъыр зэщ?егъэхьэ. И щ?алагъыр, зыхищ?эжу бгъэдэлъ гуак?уагъэр, хущхъуэгъуэ зыхэлъ псыр, псэ зы?ут дыгъэр зэхыхьэщ, зэщ?эувэри Улэ и гуащ?эр къебэк? ящ?ащи, къызэрымык?уэ зэф?эк? и?эу, псоми къащхьэщык? лъэк?ыныгъэ игъэлъэгъуэфыну къыщохъу. Апхуэдэ дыдэк?э къыщогугъ щэхуу къык?элъыплъ джэдуушхуэри.

?эзэ хъумэ, и фэр к?уэдыну мэгугъэ къефыгъуэ хъыджэбзхэр. Улэ фае щ?охъук?хэри, къыхущ?обжэ: и анэ ?эзэм зыгуэрхэм ирегъафэри аращ щ?эдахэр, аууей, зышэр унэхъуащ.

Еянэ классыр къызэриухыу и анэм къыщ?ишыжат къуажэ еджап?эм – зэрырагъаджэм хуэдизрэ колхоз губгъуэм щагъэлажьэрт еджак?уэхэр. Зэгупсысаращ: аргуэру жэщхэсу яшэнущ, абдеж къэхъунур пщ?эркъым, къепхъуэнщи яхьынщ е тегушхуэгъуаф?э къащ?ынщи лей кърахынщ. Дысэ и пхъур унэм щ?иубыдэжат пц?ышхуэ иупсри: сымаджэщ, согъэхъуж, еджэфынукъым, лэжьэфынукъым… Апхуэдэу, колхоз бригадирыр зытримыгъэхьэурэ илъэсит? дигъэк?ри, малъхъэ къигъуэтащ.

Зэгуэрым Тэру Пагуэ Бахъэсэн йок?ри, Арщэбэ шыщэху мак?уэ, Арщэбэ йок?ри, къилъыхъуэр Къуэят?э къыщыщ?ех. Шыуэ къыхуагъэлъэгъуам зы пц?эгъуэплъ къахех, асыхьэту уанэ хутралъхьэ, мэшэсри къуажэ уэрамым дохьэ. «Зи уз к?уэдын, си куэбжэпэм укъыщыс си дыщэ к?анэр уи нэм щ?эзмыгъапсэмэ…», – Дысэ игу къэк?ар Улэ ф?эк? зыми ищ?эртэкъым.

– Улэ, к?уэи Нэхунэ шыгъу т?эк?у къысхуе?ыхыт… Хъыджэбзыр уэрамым зэрытехьэу шу блэк?ыр къеплъын хуейт, къеплъар – къехъуэпсэнут, къехъуэпсар – къыщ?эупщ?энут. Лъыхъу къигъак?уэмэ, Дысэ сыт щхьэк?э ?уигъэк?ыжын? Ипхъу закъуэр Бахъэсэн нэс иригъэшэну ф?эжыжьэщ, ауэ Къэбэрдейм ик?ыркъыми, абык?э игу егъэф?. Езыр Къалмыкъым нэс кърашати, мис, къелащ… Л?ыр и пхъум нэхърэ ф?ыуэ нэхъыжьми, къек?ущ, зыхэпсэук?ын и?эщ, колхоз фермэм и унафэщ?щ. Фыз и?ами, бын щ?эсу иригъэк?ыжами, ар дагъуэ хуищ?ыркъым.

Шым тес л?ыр Улэ къиц?ыхуащ сабэ зытелъ и шырыкъумк?э – и нэгу къыщ?ыхьащ а шырыкъуит?ыр езым хуитхьэщ?у. Худэплъейрэ и нэгум иплъэмэ – арат, бын зыдигъуэтынурат… Шур хъыджэбзым к?элъыплъащ, зыдыхьэж пщ?ант?эр зригъэлъэгъуащ.

Тхьэмахуэ дэмык?ыу Пагуэ къытригъэзащ, зы мазэ дэк?ыжри, лъыхъу къигъэк?уащ.

Хьэблэм дэсхэм ящыщу Нэхунэ закъуэ къызыпхигъэ?ук?ат фыз зи?а епт нэхърэ, зэк?э дэсми нэхъыф?щ, дахэ дыдэщ, зышэн иджыри къыкъуэк?ынщ, жи?эри. «Зезышэни къыкъуэк?ынущ, адэншэ-дэлъхуншэр тегушхуэгъуаф?эщ», – фыз ?эзэм ар игук?э жи?эри, къахукъуэк?а насыпыр блигъэк?акъым, Улэ нэчыхь т?эк?ур хурагъэтхэри, Пагуэ иратащ.

III

Дарий шыгук?э яшащ Улэ. Дарийк?э къыщ?адзами, зэгъэзэхуэпауэ, ебзыхьэк?ауэ псэу унагъуэт зыхэхуар. Пагуэ лэжьак?уэжьт, коммунистпартым хэтт, къэралыр къулей ищ?ыну, гугъу зригъэхьу лажьэрт.

«Апхуэдиз гъэшымрэ ?усымрэ щыхэтк?э, и унагъуэми зыгуэр къихьэсынщ. Къуэл?ык?ынкъым абы Улэ… Жьы къыщ?эмыпщэу, псы къыщ?эмыуэу къуэпсэук?ынщ», – Дысэ хущ?егъуэжыртэкъым ищ?ам. Ухущ?егъуэжи хъурэ: изэгъащ Улэ, быныншэщ жи?эу л?ым къригъэк?ыжакъым, илъэс бжыгъэк?э пэплъауэ, хъыджэбз ц?ык?у ягъуэтащ. Май мазэу дунейм къытехьати, Майе ф?ащат, ауэ ц?э лей ф?ащын хуейуэ къылъыкъуэк?ащ. И нэ зэрыхъэм хуэзэу, и нат?эбгъу ц?ык?ум техьэу анэлышхуэ тетт сабийм.

Менлы ф?эщын хуейуэ жызы?ар гъунэгъу фызт. Ц?э лейр шэуэ къытехуащ Улэ, Майер ф?эзыщар езырат.

– И напэм к?уэнущ, Менлык?э фемыджэмэ! Фыщ?егъуэжынщ! – анэмрэ анэшхуэмрэ я гур хурихри, гъунэгъу фызым к?эбгъу зищ?ыжащ. Улэ ар и япэ гухэщ?т – Майе и ц?э лейри ?эпап?эу телъ ф?ыц?аф?эри.

Майерэ

Техутэрэ илъэс я зэхуакуу арат, Техутэ нэхъыжьу. И дыщым къэк?уэжыху Улэ щ?алэ ц?ык?у адэншэр илъагъут, и щхьэм ирилъытырти и гур хупихырт. Техутэ сабий щхьэк?э, хьэл зэрыхэлъыр къытощ, зэп?эзэрытщ, ?эпэ?эсэщ.

Дысэ Ят?эгуэлым кърих ят?э ф?ыц?эмк?э къупщхьэ уз, щ?ыфэ уз зи?эхэм е?эзэмэ, Техутэ а гуэл дыдэм кърих ят?эмрэ Хьэрэмэ?уащхьэ пэгъунэгъуу къыщ?ах ят?агъуэмрэ зэхегъэзэрыхьри, шы сурэт егъэж. Улэ ф?эгъэщ?эгъуэнщ Техутэ зяужь итхэр. Налышык ущыдэлъадэк?э фэеплъ щытщ л?ым и шым, и къуэш хуэдэу, зришэк?ауэ. Щ?алэм хуабжьу игу ирохь а фэеплъыр. Къуэш и?амэ, апхуэдэу илъагъунут езыми. Шыи и?экъым, къуэши и?экъым. Адэшхуэр щхьэхуэпсалъэщ. И анэр сымаджэщи, къеплъыххэркъым. Анэшхуэращ упщ?эк?э щ?игъанэр.

– Сытыт шуудзэм хэтахэм я?ыгъар, ящыгъар? Я сэшхуэхэр сыт хуэдэт? Я къамэр-щэ?

Зэгуэрым Нэхунэ и хъугъуэф?ыгъуэхэр щихъумэ пхъуантэ щ?ыхум дэ?эбэри дадэ и къамэр къыдихащ:

– Мис мыпхуэдэ зы?ыгъа яхэтащ. Мыр уи адэшхуэм и адэжым ейуэ щытащ…

Иригъэплъ къудейри дилъхьэжащ. Абы лъандэрэ Техутэ пхъуантэр и гъуэлъып?эщ, и т?ысып?эщ, и ?энэщ, и джэгуп?эщ. Пхъуантэм ?унк?ыбзэ етакъым, ауэ ар зэтезыхыну хуитыр Нэхунэ и закъуэщ. Дыху сабын, абы и мэр зыщ?эзыша щэк?ыщхьэ зытхухрэ гуэлмэдын удзыфэрэ. Абыхэм нэмыщ?… абыхэм нэмыщ? хьэдэтепхъуэ, кхъащхьэм траутхэ дыху, сабын ф?ыц?э, хьэдэр щагъэпск?к?э я?эрыгъыну хъыдан ?элъэ, л?ам и жьэ къупщхьэр зэрыщ?апхэжыну хъыдан хужь… Ахэр езы Нэхунэ и гъэт?ылъыгъэщ. Хьэдэтепхъуэм к?уэц?ылъщ зэрыщ?алъхьэжыну ахъшэ т?эк?ури. И нысэмрэ я гъунэгъу нысащ?эмрэ иришал?эри яригъэлъэгъуащ и хьэдэ хуэ?ухуэщ?эр, л?эмэ, ахэращ пхъуантэм дэ?эбэу къыдэзыхынур.

И анэшхуэм псэ ?умытыжу еплъыфынукъым Техутэ. И нэхъыжьхэр псори л?эжын хуейуэ щыщытк?э, нанэ иужь дыдэ къинамэ арат. И анэр ф?эгуэныхь щхьэ мыхъурэ? Абы куэд щ?ауэ псэ хэмытыжу къыщохъу, есэжащ… «Уи л?ым удыщ?ыхьэфынукъым, апхуэдизу зумыук?ыж…», – къыжра?ами, и пкъыр дунейм къытенэри и псэр л?ам дыщ?илъхьащ. Ныбжьым ещхьщ, зэгуэрым ущызэк?эщ?эплъу лы телъащ, нэк?ущхьэплъу, дыхьэшхырилэу щытащ. Иджы сыт? Щылъщ, мэбауэ, псалъэркъым. Игук?э Тхьэшхуэм йолъэ?у гуащэм и пхъуантэ щ?ыхум дэлъ хьэдэтепхъуэр езым къыхуащтэну. Нэхунэ иджыри къищэхунщи игъэт?ылъыжынщ… Дыси и?эщ апхуэдэ пхъуантэ т?орысэ, ауэ абы дэлъыр нэгъуэщ?щ: тхылъымп?э ц?у, пэрытхэ, блафэ, шындырхъуоущхьэ гъэгъуа, удз лъабжьэ, жыг лъахъц. Псы утхъуа гуэр зэрытабдж птулък?эдэтщ. Къыхуэк?уат зы сымаджэ, и лъапэр пыуц?ынык?ауэ. И фэм щыщ къытрихри а псы хущхъуэм хидзат. П?алъэ гуэрк?э зэхэшыпсыхьынути, къак?уэу къищтэжын хуеят, ауэ къытригъэзакъым, емыгугъу гуэру къыщ?эк?ащ. Ф?ы щ?ихакъым – и лъакъуэм е ек?уэри, пахын хуей хъуащ. Птулък?эр хыф?эдзэжын хуейуэ дэлъщ.

Дысэ лажьэ имы?эу къыщагъэкъуэншэжи куэдрэ къохъу. Ц?ыхур зыхуей псор хуэпщ?эфынукъым, «си ?эзэгъуэ иткъым» жи?амэ, абы пц?ы хэлъкъым, «хуэмылэжьэфыну» аращ. «И пэшэгъухэм хуит къащ?ыркъым», – жа?э апхуэдэхэм деж. Дысэ зэхех а псалъэмакъхэри, мэгъумэт?ымэ: «Сыт мыгъуэ фэ абы хэфщ?ык?ыр?»

Къуэят?э жылэ ц?ык?ур тхьэмыщк?эу мэпсэу. Зи ныбжь нэблэгъахэр колхозым хэтауэ аращи, сыт, къалэжьа щы?экъым. Псыхуабэ къалэ гъунэгъу дыдэщи, абы к?уэурэ сату зыщ? унагъуэ зыт?ум нэхъ зыкъа?этащ, мыдрейхэр а зыщ?эса сэман унэ лъахъшэ ц?ык?ухэм къыщ?энащ. Мэзым пхъэ кърахынумэ, хуит къащ?ын хуейщ, щ?ымахуэм ф?амыщ? зи?эр къулеижьу ябж.

Техутэ и еджап?э к?уэгъуэм нанэ къегъэуш, абы щыгъуэм хьэкум илъ маф?эр зэхэк?ыжарэ пэшыр щ?ы?эмылу…

– Нобэ сымык?уэу хъунукъэ?

– Уделэ уэ, Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, жебгъэ?эну ара? Техутэ апхуэдэхэм деж едэ хэт сыт жи?энуми. Зэгуэрым, къэмытэджыфу ?урихыжауэ, пщ?ыхьэп?эу елъагъу я къуажэ уэрамит?ми ц?ыхур дэзу дэтрэ бжьэ къэпщ?ауэ зэрызехьэу: «Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, еджап?эм яхуэк?уакъым, еджэн идакъым! Нанэ едэ?уакъым! И адэр псэужтэкъым, и анэри л?ат! Унэ щ?ы?эм щ?эл?ыхьащ, л?ащ, тхьэмыщк?э, щэхубзэу и псэр хэк?ащ…» Пэж дыдэуи, Техутэ и анэр л?ауэ нэху къек?ат. Щ?алэ ц?ык?ур щ?эщтэжат пщ?ыхьэп?эр нахуап?э зэрыхъуам. Нэхунэ и хьэдэтепхъуэр пхъуантэм езым и ?эк?э къыдихын хуей хъуащ. Улэ и дыщым къэк?уэжауэ Техутэ къыхуэзэмэ, зыбгъэдешэри и щхьэм ?э къыделъэ – иджы ар зеиншэ хъурейщ. И анэшхуэр л?эмэ, хэт зып?ынур? Сабий унэм ирамытарэт. Улэ дахэщ, и ?эпкълъэпкъыр лант?эщ, и щхьэцыгъуэр ухуэнарэ и щхьэм къешыхьэк?ыжауэ, езым къабзэмэ къык?эрихыу. Техутэ ф?эф?щ абы и ?эпл?эри, и щхьэм къыдилъэ ?эри.

Поделиться с друзьями: