Чтение онлайн

ЖАНРЫ

?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс
Шрифт:

Майе къызэф?от?ысхьэ. Нанэ и нэхур иджыри зэщ?облэ, адэм и ныбжьыр мэк?уэдыжри и теплъэр къонэ.

Пэш ц?ык?ум щ?этыр мащ?эщ: сырэ, ?энэ, шэнтит?, гъуэлъып?э бгъузэ. Ущызэк?эщ?эплъу къабзэщ. Блыным ф?элъ гъуджэ хъурейм тредзэ щхьэгъубжэм къыдидз пщыхьэщхьэ дыгъэ нэбзийхэр, абдежым зыкъыщагъэшыжри, езы гъуджэр мыгъуджэу, щхьэгъубжэ хъурейрэ дыгъэр абык?э къыщ?эпсэу ф?эк?а умыщ?эну, пэшым зыщызэбгрепхъ. Майе нэбгъузк?э къеубыд а дыгъэ нэбзий щабэм и гуащ?э к?уэщ?ым щыщ. Езым ейр к?уэщ?ыпащи, мор зыщ?ешэ… Бжэр къы?уехри бжэщхьэ?ум л?ы лъагэшхуэ къобакъуэ.

– О-оо, хьэщ?э ди?и!

– Уи къуэшыр хьэщ?эмэ, къик?ащ, бгъэхьэщ?энщ, – жи анэм.

– Мы п?экум ис къупщхьэ гуащэри хэт? – л?ы сырыхур Майе хуогуф?э. Майе нэбгъузк?э дыгъэ бзий къеубыдри щысщ, хъуреягъым щек?уэк?ыр зык?и къыф?эмы?уэхуу.

– Жеящ, къэуша къудейщи аращ, – же?э нанэ, сабийр и адэ къуэшым

зэремыплъыр гуажэ щимыщ?ыну. ?эдэм и ?э ф?ыц?ит?ыр итхьэщ?ыну щ?ок?ри, к?эрык?а?ауи къыпхуэмыщ?эу къегъэзэж. Езым хуэдэ лэжьап?э къик?ыжахэри зытхьэщ?ып?эм къэк?уат, я ?эр ягъэкъабзэу ?энэм пэрыт?ысхьэну п?ащ?эхэу. Псоми пэш зырыз я?эу щ?эсщ, ауэ зытхьэщ?ып?эри, зыгъэпск?ып?эри, пщэф?ап?эри, псыунэри зэдайщ. Мы унэм щ?эсхэм псоми я лэжьап?эр зыщ, зи дэк?ыгъуэхэр зэгъусэу щ?ок?, зэк?элъхьэужьу къок?уэл?эж, аращи, загъэпск?ын, я ?эр патхьэщ?ык?ын щхьэк?э зыр зым йожьэж.

– Ухуеймэ, сабыныр бухыху щыхуэ, мыр к?эрык?ынукъым, – жи, и ?эм хия ?эпап?э ф?ыц?эхэм Майе зэреплъым гу лъитауэ. Хияри зыгуэрщ, ауэ хъыджэбз ц?ык?ур зэплъыр ?эдэм и ?эбжьанэхэращ. Ахэр хъуреишхуэщ, иушкумбащи, шейщ?эт ц?ык?у хуэдэщ. Майе зыхещ?э ?эдэм и гъащ?эр зэрыхьэлъэр. Езыр нэшхуэгушхуэну яужь итщ, ауэ и пл?эм нэрымылъагъу хьэлъэ илъщ. Ар адрейхэм ямылъагъуми, Майе елъагъу. ?эдэм и лэжьап?эр къиц?ыхуну хуейщ. Къехъул?эну п?эрэ?

?эдэм дуней хуитым зэрытетым нэхърэ нэхъыбэрэ щ?ы щ?агъым щ?этщ. Щыгъын къабзэ щыгъыу унэм щ?ок?, къуршым драшей, гъуанэм йохьэри, япэ зыхуэзэр зыхуэпап?эращи, щ?охьэ. Блыным хэук?а ф?эдзап?эхэм ф?элъщ ?эпкълъэпкъыр зэрыщыту щ?эзыхъумэ зэпыт, щэк? пхъашэм къыхэщ?ык?арэ щыпт?эгъэныр гугъу ищ?у тк?ийуэ. Хьэршым зэрылъатэ скафандрым ещхьщ. Мо куэдым ямыц?ыху щыгъыныгъуэр ек?уэк?ыу зыф?элъ пэшым щ?ыхьэху, ?эдэм къыщохъу зы къэгупсыса дуней гуэрым къыщыхутэу. Адрейхэми хуэдэу, ерагък?э и «скафандрым» йопщхьэри, къык?элъык?уэ пэшым щ?охьэ. Мыбдежым уэздыгъэ зыхэт гъущ? пы?эр къыщрат, ц?ыху къэс езым ейуэ бжыгъэ зытет жэз хъурей ц?ык?у и гъусэу. И лэжьэгъухэм яхэту адэк?э зэпрык?ып?э к?ыхьу пхырыхам ирок?уэри, шахтэм езышэхыну лифт щхьэ ?ухам йот?ысхьэ. Лифтыр зыгъэлажьэм шахтёрхэм я жэз хъурей ц?ык?ур я?ех. Ещхьыркъабзэу, къагъэзэжмэ яритыжынущи, ?упщ? хъунущ псори шахтэм къик?ыжарэ зыгуэр къинарэ. Лифтыр йожьэ. Ар апхуэдизу псынщ?эу зок?уэри, я дамэр зэгъэкъуауэ зэхэт ц?ыхухъу гупым я хьэлъагъым ф?ыуэ хэщ?у къащохъу. Пы?эхэм хэщ?ыхьа уэздыгъэм я закъуэщ нэху къэзыдзыр. Тхьэк?умэхэр зыгуэрым къы?уикудэ хуэдэу мэхъу. Лифтыр шахтэм носри къоувы?э, гъущ? т?ысып?эхэр зи?э маф?эгу ц?ык?у щытщи, псори йот?ысхьэ, маф?эгу ц?ык?ур щ?опхъуэ, дэгъэзеигъуэми егъэзыхыгъуэми къыпхуэмыщ?эу к?уэц?рык? зэпрык?ып?э пхырыхам и к?ыхьагък?э ирик?уэ гъущ? гъуэгум тету. Дакъикъэ зыхыблк?э к?уауэ, къоувы?эри псори къок?. Зи лэжьэгъуэр зыухахэр къэк?уахэр къызэрык?а маф?эгу ц?ык?ум йот?ысхьэ, ф?эхъус зэрах, псалъит?-щы зэпадзыж. Къэк?уахэр иджыри лъэсу зыкъомрэ пхрык?ын хуейщ, лэжьыгъэ къащыпэплъэм нэсын папщ?э. Гупым яхэту ?эдэми пхрок?, и лэжьап?эм нос, пц?ий, вольфрам, молибден хъугъуэф?ыгъуэхэр къызыхах мывэр нэхъыбэу къызэрыгуиудыным хущ?окъу. Лагъым щ?алъхьэу къыщыгуауди щы?эщ, ауэ ?эпщэуэн лэжьыгъэр ирокъури къолыж. Гугъу зрамыгъэхьу хъунукъым. Зы дэк?ыгъуэу лэжьыгъэм пэрыхьэм къыхуагъэувам хуэдизыр къимылэжьмэ, абыхэм ягъэчэмар зэзыхъуэк?ыну гупым нагъэсыжын хуей хъунущ. Ар ц?ыхугъэкъым, напэкъым, аращи, лъэк? къамыгъанэу мэлажьэ. ?эдэм и ?эхэм дыркъуэ къытохуэ, и ?эпэхэр пеущэбык?ыж, ?эбжьанэхэр еуп?эщ?. И тхьэмбылыращ нэхъ гугъу ехьыр – щ?ы щ?агъым махуэ псок?э щыбэуэн хуей мэхъу.

«Мыр хъунукъым, си къуэш, ауэрэ узыншагъэ жыхуа?э уимы?эжу укъэнэнущ. Сэри сыщ?этащ а шахтэм, сощ?э зищ?ысыр. Еджап?э узгъэк?уэнущ, инженеру еджи, къэбгъэзэжынщи шахтэм уемыхыу, дуней хуитым утету улэжьэнщ», – Пагуэ и къуэшым зыщ?игъэкъуэну хуейщ, ауэ модрейм къыжра?эр зэхимых хуэдэщ. Илъэс щэщ?ым хэт еджак?уэ к?уэр? Анэр и бынит?ым къахоплъэ, и къуэрылъхум хуоплъэк?ыжри хощэтык?.

«Пэжкъэ сэ жыс?эр, дянэ? Мыр еджэн хуейщ! Куэдрэ хурикъун и гугъэ а зыпэщ?эт лэжьыгъэ хьэлъэм?» – Пагуэ жи?эр къыда?ыгъыну хуейщ, ауэ нанэ щымщ.

?эдэм и еджэныр хэт?эсащ, зэманыр ?эщ?эк?ащ, ар зыхещ?эри, и къуэш нэхъыжьым пэмыуву зэрыф?эк?ын жэуап къелъыхъуэ:

– Сэ уэ жып?эр къызгуро?уэ, седжэну сыхуэмейуи аракъым, ауэ уи ахъшэк?э седжэнукъым. Къэзлэжьыр зэхуэсхьэсынщи, мис ит?анэ…

– Илъэсит? мэхъу мыбы узэрыщы?эрэ, зыгуэр бгъэт?ылъа?

?эдэм погуф?ык?:

– Уэ сэракъым укъыщ?эк?уар, ди анэр пшэжынуращи, ныпхуэк?уэжмэ, шэж. Ар зэрыщы?эр сэрк?э зы ф?ыгъуэ ирокъу, ауэ пэш нэщ?ым щ?озэшыхьри, согузавэ. Сэ махуэ псом солажьэ, пщыхьэщхьэм

щ?алэхэм садыщысын хуей мэхъу, апщ?ондэху и закъуэщ.

– Сызэшкъым сэ, цы зэрызохъэ, т?эк?у сожьыщ?э, сопщ?аф?э, ауэрэ махуэр мак?уэ.

Пагуэ и анэр имыгъусэу к?уэжынукъым, ауэ игу дахэ зэрищ?ын псалъэ къыхуэгъуэткъым. Зигъэгусэу къыдэк?а анэм ебгъэгъэзэныр ?уэхущ. Пагуи дахэ жызы?эфхэм ящыщкъыми, нэхъри гугъу йохь. Сытми, игу илъыр же?э, а жи?эри и ф?эщщ:

– Сэ уи жагъуэ сщ?амэ, къысхуэгъэгъу. Уи нысэм иджыри зыгуэр къыбжи?эмэ, езыращ унэм щ?эк?ынур. Псалъэшхуи зэ?эпамыхыу пщыхьэщхьэшхэ ящ?ри мэгъуэлъыж. Гъуэлъып?э закъуэм нанэрэ Майерэ хэлъщ, зэк?уэц?ыпх-зэк?уэц?ыплъхьэ хъу гъуэлъып?э псынщ?агъуэр Пагуэ къылъысащ, езы ?эдэм и ныбжьэгъум деж нэху къыщек?ынущ. Майе и нанэм ?эпл?э ирешэк?, зэхуэзэша анэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ зызэщагъэнщ?ыжыркъым. Нанэ хъыджэбз ц?ык?ум и щхьэпхэт?ыгум ба хуищ?ащ – асыхьэту абдеж дыдэм гъэгъа хужь къыщызэрык?ащ.

Пагуэ и бзэху гъуэлъып?эм изагъэркъыми, зегъэджэрэз, игъэк?ыргъыу, игъэтхьэусыхэу. Жейм емызэгъыр нэхумыщу къэтэджщ, ?эуэлъауэ имыщ?ыну хуэсакъыурэ зихуапэри, щ?эк?ащ.

– Напэ мытхьэщ?у ц?ыхум уахэмыхьэ, – к?элъы?ущэщащ нанэ.

Майе адэм и лъэ макъым щ?одэ?у. Ар пэш ц?ык?ум щ?ок?ри ещанэ къатым и пырхъуэ к?ыхьым ирок?уэ, дэк?уеип?эхэмк?э йох, пщ?ант?эм къыдохутэри уэрамым тохьэ, мак?уэ-сык?уэ, мак?уэ-сык?уэ, хобэкъук?, и напщ?эри уфащ…

Нанэ жэз тасыр къигъэуври андез ищтащ, пщэдджыжь нэмэзыр ищ?ри нэмэз щыгъэр и?ыгъыу п?эм ит?ысхьэжащ. Майе и нап?эр зэрык?эзызымк?э къыгуры?уат ар зэрымыжейр, ауэ езыр-езыру къэплъэху и гугъу ищ?ынукъым. Майе мэжеижри куэдрэ къытезыгъэзэж и пщ?ыхьэп?эр елъагъу. К?ыф?ыгъэ гуэрым хэтщи, хуаби щ?ы?и зыхищ?эркъым. Вагъуэхэм яку езыр итщ. Зиплъыхьурэ Щ?ыр къец?ыхуж. Гъунэгъу зыхуещ?, къащхъуэри щхъуант?эри зэхец?ыхук?. Щ?ы щхьэфэм теувэну и лъакъуэ ижьыр ешийри – и лъэтхьэмпэм нэхърэ зытеувэну Щ?ыр нэхъ ц?ык?ущ. Тенджызым хэувэну хуейкъым… Дэнэ иджы здэк?уэнур? Къыздик?ам игъэзэжыну? Ар дэнэ?

Майе и псэм гугъуехь гуэр зэрытелъыр нанэ елъагъури, телъэщ?ыхьурэ къегъэуш. Нанэ и ?эпл?эр сыту хуабэ, и ?э пхъашэхэр сыту щабэ.

– Нанэ…

– Сыт ущ?эгъыр? Уи адэр къэк?уэжынущ мыгувэу, умыгъ…

Майе и адэм к?элъыгъыну игуи къэк?ыркъым. Абы и хьэлкъым зыгуэрым к?элъыгупсысэу, к?элъызэшу. И нэпсыр къыщ?эзыхуар ищ?энур ищ?эртэкъыми аращ. А зы закъуэращ зыгъэдзыхэр – хэк?ып?э щимылъагъук?э, и щхьэр, и пкъыр здихьын щимыгъуэтк?э, зыгъэпщк?уп?э щыхуэныкъуэк?э.

Нанэ хъыджэбз ц?ык?ум зрегъэтхьэщ?, зрегъэхуапэ. ?эдэми къэк?уэжащи, ипщэф?ар ?энэм къытрегъэувэ, ?эдэм шей игъэващи, къахурек?э. Майе и шейм хоплъэ, плъыжьыфэ дахэщ, ?упэм езэгъыу упщ?ы?уащ. Зы ?убыгъуэ ищ?щ, т?эк?урэ и жьэм жьэдигъэтри иригъэхащ. Ет?уанэуи е?убащ, ауэ хуегъэхкъым, и жьэм жьэдэту и?ыгъщ.

– Егъэх, си хъыджэбз ц?ык?у, – мэлъа?уэ нанэ. Дэ дышхащ, уэ шейм уеплъу ущысурэ. Егъэхи иджыри е?уб.

– Майе, ушхэмэ, сэ экскурсие усшэнущ. Умышхэмэ, зыщ?ып?и усшэнукъым. И?э, зыхыумыгъэныж си экскурсием, – жи ?эдэм.

«Экскурсие» псалъэм къик?ыр ф?ы дыдэу ещ?э Майе – зыплъыхьак?уэщ. Зиплъыхьыну хуейщи, шей ?убыгъуэр ирегъэх. Абы ф?эф?щ зыщ?ып?э щашэм деж. Нанэ игъэжьа щ?акхъуэм йодзакъэ, анэшхуэри мэгуф?э. ?эдэм нобэ и зыгъэпсэхугъуэ махуэщи, и хьэщ?э ц?ык?ур тригъэуну хуейщ, дауэ махуэ псом унэ блынджабипл?ым щып?ыгъын сабийр… И къуэшыр здэк?уар ещ?э, ар щ?эх къэк?уэжынукъым. Нанэ къуэрылъхур ихуапэри ?эдэм къы?эщ?илъхьащ:

– Мыбы хуэсакъ. Жыжьэ фымык?уэ, жьапщэщ.

– Мы щ?ып?эр сыт щыгъуи жьапщэщ, ар дызэсэжа ?уэхущ.

Къалэм сабий щытебгъэун и?экъым. Аращи, ?эдэм сабийм и ?эпэр и?ыгъыу лэжьак?уэхэр ?узыш маршынэм ит?ысхьэри шахтэм к?уащ. Майе ирегъэлъагъу:

– Мис бгым дызэрихьэ бгъуэнщ?агъхэр.

Майе и бзэр къеут?ыпщ.

– Сеплъыну сыхуей, – жи.

– Абы уеплъын щхьа, бгы гъуанэм уихьэу адэ нэс уехын хуейщ, – жи адэ къуэшым. И гугъэщ Майе шынэу щ?егъуэжыну.

– Сешэхи сыгъэлъагъу, – Майе тегушхуэныгъэ хэлъщ. Зи макъ куэдрэ къэмы?у и къуэш быныр къопсалъэ, къолъэ?у – ?эдэм и гур дауэ щабэ къэмыхъунрэ… Сыт абы хэлъыр – езыр апхуэдизрэ зэрызек?уа гъуэгум сабийр и гъусэу ирик?уэным?

– Уделэ уэ? Ар ядэнукъым! – къыжра?э и лэжьэгъухэм.

?эдэм шахтёрхэм я унафэщ?ым бгъэдохьэри йолъэ?у и хьэщ?э ц?ык?ур шахтэм щ?ригъэшэну.

– Хьэуэ, сыкъащ?эмэ, сы?уагъэк?ынущ. Мыр сабий теуп?экъым, уи жагъуэ умыщ?, – къыжре?э.

?эдэм щ?элъэ?уар къызэрыхуамыщ?ам къытригъэхьат, сабийми щыук?ытэ хуэдэт, къызэригъэгугъар хуищ?эжыфтэкъыми. Хуейт мо хъыджэбз махэ, гуащ?эмащ?э ц?ык?ур игъэгуф?эну, игъэгушхуэну, гукъыдэж иритыну. Сытым къыхэк?ми, Майе щеплък?э, ?эдэм и гур пихырт. Езыри къыхудоплъей:

Поделиться с друзьями: